●Атэкъынэр зи вэкъэпс, къэсыр зытеухь. (Атэкъынэ – гуэншэрыкъ лъэпс)●
●Бацэжь и щlагъ лlыхъужь къыщlокl.●
●Бацэр ибэщ, бзур и бынщ. (Тхьэмыщкlэм, бын и куэдщ, жыхуиlэщ.)●
●Бацэхэплъ нэплъэжыгъуэ егъуэт.●
●Бгъэр бгъэкlэ ягъасэ, блымыр блымкlэ къагъуэт.●
●Бей жей езэгъыркъым.●
●Бейм и хьэ удз ехъу.●
●Бейм я гугъу ящlурэ тхьэмыщкlэм я уэздыгъэ мэс.•
●Бжэн щlакъуэ тегушхуэгъуафlэщ.●
●Бжыхьэпэ уэфlрэ пщы lупэфlэгъурэ. (Туми дзыхь яхуэпщl хъунукъым,жыхуиlэщ.)●
●Бзу кхъуей фlэкlа ямыlэ щыlэкъым.●
●Бзум худрапхъей и унэ щlэлъкъым.●
●Вырэ цlэрэ зэпокъу.●
●Гуащэрэ пэт, къаз деху.●
●Данэр лъапэкlэ зэрехуэ. (Зэщыхуэпыкlауэ къэзыкlухь цlыхубзым хужаlэу щытащ.)●
●Делэр бейм я гуэшэгъущ. (Бейм здигъэгуэшэну щогугъу, жыхуиlэщ.)●
●Дунейр ижэнэтщ. (Тхъэуэ мэпсэу, жыхуиlэщ.)●
●Дунейр и хьэдрыхэщ.●
●Дымыгъуэкъым, дыгущэкъым, ди унэ щхьэ кlапэ дагъэкlэ дымыирэ? (Щыкlам ауаныщlу хужаlэ.)●
●Джатэрыпщ нэхърэ пщы lущабэ.●
●Жылэм я мыгъуэ я гъуощ.●
●Жьы къыщlэпщэркъым, псы къыщlэуэркъым.●
●Жьыр и гупэу мэпсэу. (Гугъехьым пэщlэту мэпсэу, жыхуиlэщ.)●
●Зэрабзыр иlэ щхьэкlэ къырабзэ иlэкъым.●
●Зэрыгъэпщыркъым, зэрыгъатхъэркъым. (Лыфlыгъэ зэпэзыубыдаитым хужаlэ).●
●Зэхуэдитl зэдзейщ.●
●Зеиншэ шэгъуафlэщ.●
●Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащlэрэ.●
●Зи деур мащlэм и духьэр кlэщщ.●
●Зи lэгу нэщlым и нэгу щlыlэщ.●
●Зимыlэм бдзы кlыхьри бдзы кlэщlри хуохъу.●
●Зимыlэххэ къызэщэри зил къыщэщ къызэтэщ.●
●Зипщ пэмылъэщ и фыз и табыщэгъущ. (И фызым ионыкъуэкъу, иозауэ, жыхуиlэщ.)●
●Зы выр шхэмэ, зы выр мэгурым.●
●Зы лlыр джэдыгуибгъурэ либгъур джэдыгуншэу.●
●Зы хьэнэф зы хьэнэф и пщыжщ.●
●Зылъэмыкl lэфракlэ и lыхьэщ.●
●Зым и мыгъуэ, зым и махуэщ.●
●Зыхуащlэ нэхърэ зыщlэф.●
●Зыхуэхъур быхъуу мэтыс.●
●И дунейр дэгъэзеигъуэу ехь. (Гугъу ехьу мэпсэу, жыхуиэщ.)●
●И дзыгъуэ лъынэ къокl. (Хуэщlауэ, тхъэуэ мэпсэу, жыхуиlэщ.)●
●И кlэтий и вакъэпсу мэпсэу.●
●И мэлыхъуэ баш пкlэм дридзеижащ. (И мылъкур lэщlэкlуэдэжащ, жыхуиlэщ.)●
●И хьэри и кхъуэри зэрошх. (Гукъеуэншэу, тхъэуэ мэпсэу, жыхуиlэщ.)●
●И щэ и ныбэ ихуэжыркъым.●
●И щэ къовэ.(Къулейм хужаlэ.)●
●Ибэ бэшэкlщ.●
●Изрэ ныкъуэрэ зэрыщlэркъым.●
●Къаным и нэ уезыгъэбор былымщ.●
●Къызыхих ныкъуэ хъуркъым.●
●Къыптекlуэ лъэшщ.●
●Къратыр и lусщ, есыхьыр и мафlэщl. (Зыри зылъэмыкl хьэрычэтыншэм хужаlэ.)●
●Къуалэр лы щигъуэтым щохъуарзэ, уэркъыжьыр блым щигъуэтым щопсых.●
●Кlэкъинэ lэфlщ.●
●Лэгъупыр нэкlэ къегъавэ. (Нэсауэ къулейуэ мэпсэу, жыхуиlэщ.)●
●Лъэкlамэ, зыкъригъэлъхунтэкъым. (Щхьэхынэ lейм хужаlэ.)●
●Лъхукъуэлl нысэ зыгъэ-зыщlщ, дыжь джэдыгур зы щlымахуэщ.●
●Молэ мин зы мащэ, факъырэ щий зы lэнэ.●
●Молэм «жытlэр фщlэи, тщlэр фымыщlэ» жыхуаlэм хуэдэщ. (Мыхъумыщlэ зымыдапхъэм езым щищlэм деж ауаныщlу хужаlэ.)●
●Мыгъуэм и кlапсэр бейм егъэлажьэ.●
●Мыгъуэр мыгъуэщlкъым, ищlыр тэджыжкъым.●
●Мыунэ-мыунэхъу, жэщ хъумэ пхъэдыгъу.●
●«Нанэ и лlыу, дадэ и lунэ» жиlэурэ зэригъэуlуащ.
(Гугъу дехьурэ ерагъыу зэригъэпэщащ, жыхуиlэщ.)●
●Насып зимыlэм и дзэр хъудырым lуещыкl.●
●Насып зиlэм шыlэ иlэщ.●
●Насыпыншэм магъшэм тесми хьэ къодзакъэ.●
●Насыпыр щагуэшым дурэшым дэсащ.●
●Нэгъуеипщ нэхъей, и закъуэ мэшхэж.●
●Ныбэщlэубзэ lуэхутхьэбзащlэщ.●
●Пшагъуэр, дыгъужьыр, уэркъыжьыр, ялыхь, сумыгъэлъагъу – жиlащ.●
●Пщы зыфlэпщым пщылl къыпфlещ.●
●Пщы зи щпэлъагъум тхьэ щохъу.●
●Пщым и шхын шындырхъом къекlэцl. (дэнэ кърахми къыхуэмыгъуэту хъунукъым, жыхуиlэщ.)●
●Пщым и щlыб джатэ щагъэдалъэ.●
●Тхьэмыщкlагъэм сынокlуэ жиlэркъым.●
●Тхьэмыщкlэ динщlэкъущ.●
●Тхьэмыщкlэм и псалъэ тlэу жыlэщ.●
●Тхьэмыщкlэм и фэр lувщ. (Гугъехь куэд и фэм докl, ешэч, жыхуиlэщ.)●
●Тхьэмыщкlэм тхьэр хуэлъэщ.●
●Тхьэмыщкlит зэгъусэмэ, бей хуэдэу мэпсэу.●
●Тхьэр тебгащ, бгыр теуащ.●
●Уаерэ пщаерэ куэд якlуркъым.●
●Уэрэдус пщыпсэlухщ.●
●Уэркъ хабзэр дэгъэзеигъуэкlыхьщ.●
●Уэркъым и жьэ и щопщщ, ипщ хуэдэр и джатэщ.●
●Уэсэпс тхьэгъум зегъэшри, гъэш зимыlэр тхьэмыщкlэщ.●
●Удафэр фэм йокl.●
●«Уи адэр шхын щхьэкlэ лlащ» жаlэу щрахъуэным, «Игъуэту лlа?» - къажриlащ.●
●Уи lэшхылъэ нэбдзыфlэмэ, унэфl япхъу къыуатынщ.●
●Уипщ хьэхуэгъу-щыхуэгъу умыщl.●
●Улlэу упсэурэ нэхърэ, утхъэу урелlэ.●
●Урыс тхьэмыщкlэ и кхъуэлу зэрегъэзахуэ.●
●Факъырэ пэщмэн.(Тхьэмыщкlэ пагэм хужаlэу щытащ.)●
●Хабзэр сщэ щхьэкlэ, ирабзэр сlэщэлъкъым.●
●Хъанхэ я щlыб джатэ щагъэдалъэ.●
●Хьэзабыр хьэмбытlу ешэч.●
●Цlэ бжьакъуэм фlэсщ.●
●Щхьэ къуийм и лажьэ щхьэ псэум ищэркъым.
lэгу нэщl lэщl джафэщ.●