●Гугъэ нэпцlыр щхьэгъэпцlэжщ.●
●Гужьеигъуафlэ – унэхъугъуафlэщ.●
●Гузэвэхыр щlэх жьы мэхъу.●
●Гунэс ямыщl саугъэт умыщl.●
●Гупсыси псалъэ, зыплъыхи тlыс.●
●Гур кlуэдмэ, лъэр щlэкыркъым.●
●Гур кlуэдмэ, шыр жэркъым.●
●Гушхуэ тхьэшхуэ и жагъуэщ.●
●Гъэузи гъэхъуж.●
●Гъуэмылэпэм еlэзэ, гъуэмылэкlэм езауэ.●
●Гъунэгъу бий ящlыркъым.●
●Гъусэ ямыщlынум блэкlрэ пэт йоджэ.●
●Дахэ и щlагъ дыщэ щlэлъщ.●
●Дахэр пагэмэ, пуд мэхъу.●
●Дауэкlейм дэгу уещlри, плъэкlейм нэф уещl.●
●Дэтхэнэ зы lуэхутхьэбзэми бзыпхъэ иlэщ.●
●Делэм сэ сыфlокl, губзыгъэр езыр къысфlокl.●
●Дыгъуэм икlэр мыгъуэ мэхъу.●
●Дыгъужь мэлыхъуэ ящlрэ?●
●Джэд пасэрэ бын пасэрэ.●
●Джэджьей зеуалэ псывэ хоупlэ.●
●Джэду щысу шыпсэ умыlуатэ.●
●Дзей хуэщlэ фlыщlэ хэлъкъым.●
●Дзы зыфlэпщ дзы къыпфlещыж.●
●Дзыхьмыщlыр дзыхьщlыгъуэджэщ.●
●Е пщlауэ фlы ущымыгугъ, фlы пщlами ущlэмыфыгъуж.●
●Е улlын, е улlэн.●
●Егъэлей делагъэщ.●
●Еса сэгъейщ.●
●Еущий зы махуэщ, хабзэ хьэху махуищщ.●
●Жэмрэ вырэ зэхуотэдж.●
●Жейрэ лlарэ зэхуэдэщ.●
●Жыжьэу бгъэтlылъыр благъэу къощтэж.●
●Жьэ лlыкlуэ нэхърэ щхьэ лlыкlуэ.●
●Жьэшхуэ тхьэшхуэ и жагъуэщ.●
●Зэрыпщlу мыхъумэ, зэрыхъуу щlы.●
●Зэхуэгъафlэ зэфlэкlуэд къыхокl.●
●Зэщыгугъ мэунэхъу.●
●Зекlуэкlейм лъашэ уещlри дыхьэшхыкlейм lушэ уещl.●
●Зи бзэ lэф щынэр мэлитl ящlоф.●
●Зи бзэ lэфlым блэр гъуэмбым къреш.●
●Зи бысым зыхъуэжым чыцlыхъу хуаукl.●
●Зи жьэ зэумыщlэм я гухэлъ зэрыщlэркъым.●
●Зи щхьэ мыузым уи щхьэуз хуумыlllуатэ.●
●Зи lыхьэ зыфlэмащlэм хьэм фlешх.●
●Зи lуэ ит нэхърэ зи щхьэ ит.●
●Зы жьэм жьэдыхьэр жьищэм жьэдохьэ.●
●Зы махуаем зумыгъэлl, зы махуэлlым зумыгъашэ, зы дзэшхуэм зумыгъэхь.●
●Зызыгъэгусэ lыхьэншэщ.●
●Зым ищlэр щэхущи, тlум ящlэр нахуэщ.●
●Зыщытхъур къэгъани яубыр къашэ.●
●Зыщlэпхьым къыпщlехьыж. (Пщlэ зыхуэпщlым къыпхуещlыж, жыхуиlэщ.)●
●Зыlурыдзэ нэхърэ зыдэдзых. (Бгъуэтыр зэуэ зыlурыбдзэ нэхърэ гъэтlылъыгъэ щlы, жыхуиlэщ.)●
●Имылъ къолъэт. (Фочыр нэщlщ жыпlэу уримыджэгу, узэдауэ къыщlэкlыу щlэщхъу къызэрыпщыщlын пщlэнукъым, жыхуиlэщ.)●
●Ин жыlэ цlыкlу lуатэщ.●
●Иужь акъыл нэхърэ ипэ акъыл.●
●Кlуэд къыубжмэ, уи тхьэмадэжь и цlэри къыхэхуэнщ.●
●Къакlуэ и lыхьэ lыхьэхэмыlуэщ.●
●Къан хуэщlэ фlыщlэ иlэкъым.●
●Къэмыс-нэмыс тlысыпlэщэкъущ.●
●Къоджэ нэхъыжьщ.●
●Къоуэм уемыуэжмэ, lэ пфlэту укъищlэркъым.●
●Къыдыхьэр думыхуж, дэкlыжыр умыубыд.●
●Къыпкlэлъымыкlуэм узыкlэлъигъэкlуэнукъым.●
●Къыпlтекlуэ лъэщщ.●
●Къыпlтекlуэр гугъущ.●
●Къуэфlми къуэ бзаджэми адэ щlэин ухуэмылъыхъуэ.●
●Къуэшрокъуэр пlащlэри унакъым.●
●Кlапсэр кlыхьмэ, фlыщlи, псалъэр кlэщlмэ, нэхъыфlыжщ.●
●Кlэпlейкэр зымылъытэр кlэпlейкlэ и уасэкъым.●
●Лажьэ жьы хъуркъым. (Лажьэ – гукъеуэ, нэщхъеягъуэ.)●
●Лъакъуэ псынщlэ вейхэпкlэщ.●
●Лъапэкlэ хыфlэбдзэр дзапэкlэ къощтэж.●
●Лlэным лlыгъэ хэлъщ.●
●Лlы здашэ щlэупщlэркъым.●
●Лlы и псалъэ епцlыжыркъым.●
●Лlы пхам лlы еуэркъым.●
●Лlы псори лlыкъыми фыз псори фызкъым.●
●Лlы хахуэр утыкум щощабэ, лlы щабэр утыкум щокlий.●
●Лlым зигъэгусэркъым.●
●Лlыгъэр lыхьэмыгъуэшlщ.●
●Лlыкlуэ яукlыркъым.●
●Лlыфlыр бэ дыдэщи, лlыфl дыдэр зырызщ.●
●Лlыхъужь и лъэужь кlуэдыркъым. (И цlэр, игъэхъахэр къонэж, жыхуиlэщ.)●
●Лlыхъур фыз дэубзэщи, лlыбзыр фыз дэуейщ.●
●Мафlэ нэхур «благъэщ» жыпlэу умыкlуэ, хьэ банэ макъыр «жыжьэщ» жыпlэу къыумыгъанэ.●
●Мащэм зэ ихуар набгъэщи, тlэу ихуар нэфщ.●
●Мащэм зытезыгъэгусэм, куэдри фlыщэ ищынкъым.●
●Мэзрэ мазэххэрэ уи щэху щумыlуатэ.●
●Мэкъу мащlи къыумыхь, мэкъу бэхьи умыхъу.●
●Мыщафэ lэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ, гъусэ мыхъунум ущыгугъыу мыщэм уемыбэн.●
●Мыщащхьэ плъагъуу мыщэ лъэужь умылъыхъуэ.●
●Мыщэ жея къыумыгъэуш, лlы мышынэ умыгъэгубжь.●
●Нэ зыдэщымыплъэрэ тхьэкlумэ зыщымыдаlуэрэ, бэн зэвыр мыхъумэ, щыlэкъым.●
●Нэгъуэщlым ишхамкlэ уэ укъэмыкъей.●
●Нэгъуэщlым и щытхъум уэ уримыкъей.
(Уримыкъей – уримыпагэ.)●
●Нэмыс здэщымыlэм насыпи щыlэкъым.●
●Нэмыс пщlымэ уи щхьэщ зыхуэпщlыжыр.●
●Нэмысыншэр насыпыншэщ.●
●Нэпсейр насыпыншэщ.●
●Нэрылъагъу щытхъур щlыбагъырыубщ.●
●Нэфlэгуфlэ и нэ дыщэ lуэнтlа щlэлъщ.●
●Нэхъыжь теlущlыкlыпlэщ.●
●Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщlэм гъуэгу ет.●
●Нэхъыщlитым яхэди я нэхъыфlыр къыхэх.●
●Ныбэ ей щыlэ мыхъумэ, шхын ей щыlэкъым.●
●Ныбэм «уи адэ жьакlэ къыпыупщlи къилъхьэ» жеlэ.
(Ныбэм уедаlуэмэ, емыкlу къыуигъэхьынущ, жыхуиlэщ.)●
●Ныбэр фэ цlынэ-лы цlынэщи зэlуокl. (Куэд иплъхьэ хъуну щхьэкlэ, иумылъхьэ, жыхуиlэщ.)●
●Ныбэрыдзэ нэхърэ щхьэдэдзых. (Гъэтlылъыгъэ щlы, жыхуиlэщ.)●
●Ныкъуэдыкъуэ нэхърэ уэдыкъуа.●
●Нысэ мыхъунур жьантажэ мэхъури, мафlэ мыхъунур ищхьэм щолыд.●
●Пагэм и блыпкъ-блащхьэ къутэгъуафlэщ.●
●Пащlэгъэлыгъуэ джэгу хэлъкъым.●
●Псалъэ бзаджэ губзаджэщlщ, гурыщхъуэ щlыныр хуэмыхугъэщ.●
●Псалъэ щабэ гущабэщlщ.●
●Псалъэ lэфlыр мэгущlэри, псалъэ дыджыр мэщlытэ.●
●Псапэ куэд хъуркъым.●
●Псэр ящэри напэ къащэху.●
●Псы икlыгъуэм унэмысу уи кlэ умыlэт.●
●Псылъэншэу Къурей ихьэркъым. (Къурей – Кавказ лъапэм щыlэ губгъуэшхуэ гуэрым и цlэщ.)●
●Пфlэкlуэдам щхьэкlэ умыгъ, къэбгъуэтам щхьэкlэ умыгуфlэ.●
●Пхуэмыдэ пэшэгъум мыгъуэ уохъулlэ.●
●Пхуэмыфащэ пэшэгъу пщlымэ, уи анэ мыгъуэ ищlынщ.●
●Пхуэмыфащэ щауэгъу умыщl.●
●Пцlищэ нэхърэ зы пэж.●
●Пщащэр пагэмэ, ябгынэж.●
●Сэлам лей хъуркъым.●
●Судым шыфэ псэу иплъхьэмэ, вакъапхъэ къипхыжыркъым.●
●Уэшх блэкlам щlакlуэ кlэлъумыщтэж.●
●Удафэ и акъыл ирефыж.●
●Удын гуауэр мэгъущри, псалъэ гуауэр гъущыжкъым.●
●Ужьмэ, жьы хуэдэ щыти, ущlэмэ, щlэ хуэдэ щыт.●
●Узэпэгэкlыр къопэгэкlыж.●
●Узэралъагъуу уафlощl, узэрафlэщlу уалъытэ.●
●Узрихьэлэ шхыныфlщ.●
●Узэрымыса бысым умыуб.●
●Узэрымытым зумыгъэфlыкl.●
●Узэчэнджэщын умыгъуэтмэ, уи пыlэ гъэтlыси ечэнджэщыж.●
●Узэщэ нэхърэ узэтэ.●
●Узигъусэм и фэ къыуаплъ.●
●Узыгъэтlыс уиубыжыркъым.●
●Узыдэмыкlуэжын ущыщымыуэ. (А зэм узэралъэгъуам хуэдэу ущыту уафlэщlынущ, жыхуиlэщ.)●
●Узыдэмыхьэ къуэладжэ лы дэзщ.●
●Узытекlуэм пэкlум уахегъэн. (Фащэм, щыгъыным щысхьын хуейщ, иужькlи цlыхум уарихыхьэн щхьэкlэ, жыхуиlэщ.)●
●Узытелlэ нэхърэ къыптелlэ.●
●Узыхэдэн щымыlэмэ, щыlэр къыхэх.●
●Узыхэтым уаймыкlумэ, уи унэ умыкlуэж.●
●Узыхэфыжыну псым ухэмыубжьытхэ.●
●Узыщымыгугъын ущыгугъмэ, пхъащэ гъуэгу урижэнщ. (Гугъу уехьынщ, жыхуиlэщ.)●
●Узыщымысхьри уимыlэххэри зэхуэдэщ.●
●Уи адэ-анэ яхуэпщl нэмысыр уи бынми къыпхуащlыжынщ.●
●Уи анэ зыуб уи щхьэ дэгъэсыс. (Пэж жызыlэм дыжыlэ, жыхуиlэщ.)●
●Уи анэ къобэнми зромыгъэуд.●
●Уи гуащэ еплъи уи лъэ гъэбакъуэ.●
●Уи гур зыхуеlэм уи lэр лъоlэс.●
●Уи гъунэгъур бзаджэмэ, щlы хущынэ.●
●Уи ин жиlэнщ, уи цlыкlу иlуэтэжынщ.●
●Уи мыгъусэ уи лъатэпс иумыгъапхэ.●
●Уи мыщауэгъу гъусэ умыщl.●
●Уи напщlэ темылъ тумылъхьэ.●
●Уи нэ гъаплъи уи лъэ гъэув.●
●Уи псалъэ гъэlэси, уи нэмыс гъэбыдэ.●
●Уи тепlэн еплъи, уи лъэ укъуэдий.●
●Уи фlым иумытыр мафlэм уфlес.●
●Уи шхын нэхърэ уи нэщхъ.●
●Уи шым ижынур пщlэжын хуейщ.●
●Уи щхьэ мыузу боз иумышэкl.●
●Уи щхьэ хуэпщlыжыр уи нэмысщ.●
●Уи щхьэ хъумэ, си хъыджэбз.●
●Уи lыхьэ зыlэрыгъэхьи, итlанэ зыгъэгусэ.●
●Укъызэрашэ уи шыбэщ, узэралъагъу уи гъуэгущ.
(Япэ зэрызыбгъэлъагъуэщ, жыхуиlэщ.)●
●Укъыщалъхум псори гуфlащ, ущылъэжкlэ зыхуэбгъагъыжыфмэ.●
●Умыгъэтlылъ къэпщтэжыркъым.●
●Умыщlэм ущlэупщlэныр емыкlукъым.●
●Унэм зыщыгъаси хасэм яхыхьэ.●
●Упащlэмэ, уогувэ.●
●Упщlэ щlэщхъуркъым, щlэщхъу щlэнэркъым.●
●Упщlэ lупщlэ хэлъкъым.●
●Ущакlуэ хэхърэ утакъуэ. (Имыуасэкlэ пуду пщэ нэхърэ, птымэ нэхъыфlщ, жыхуиlэщ.)●
●Ущымытхъущэ – пхуэубыдыжынкъым.●
●Фадэм текlуа щыlэкъым.●
●Фlы зыщlэ упщlэжрэ?●
●Фlыр умыцlыхумэ, нэхъ лъапlэр къыхэх.●
●Хабзэ лъэlукъыми, lумахуэ lуэхутхьэбзэкъым.●
●Хабзэм къемызэгъыр и бийщ.●
●Хабзэмыщlэ емыкlухьщ.●
●Хабзэмыщlэ щыкlейщ.●
●Хабзэр убзэ зыфlэщlым хуэпщlэнум и ныкъуэр къегъанэ.●
●Хабзэр убзэнкъым, къалэныр lулъхьэнкъым.●
●Хэдэ мэдакъуэри хэпхъуэ lыхьэфlэщ.●
●Хэдэ мэдакъуэри хэплъэ мэплъакъуэ.●
●Хэдэ мэдэхъу.●
●Хэплъыхь lыхьэншэщ.●
●Хъуэхъукlэ узэхыхьэу, хъуэнкlэ узэхэмыкlыж.●
●Хьэ хей умыукl, фыз хей иумыгъэкlыж.●
●Хьэдэр куэдрэ зепхьэмэ, мэ щоу, lуэхур куэдрэ зепхьэмэ, мэлъахъэ.●
●Хьэджафэ банэркъым, лъхукъуэщо хъуанэркъым.●
●Хьэфl дэплъейр хьэфl мэхъури, шыфl дэплъейр шыфl мэхъу.●
●Хьэху хьэху тыж умыщl.●
●Хьэху яхь щыlэщи, хьэху хьыж щыlэкъым.●
●Хьэхурэ щыхуэрэ зэlахыу хабзэжьщ.●
●Хьэщlапэрынэр емыкlущ.●
●Хьэщlэ гъунэгъу нэхърэ хьэщlэ жыжьэ нэхъ лъапlэщ.●
●Хьэщlэ къашэ щыlэщи хьэщlэ ишыж щыlэкъым.●
●Хьэщlэ лей щыlэкъым.●
●Хьэщlэ щlалэ щыlэкъым.●
●Цlыхум и цlэр езым зыфlещыж. (Цlыхум и дуней тетыкlэм хуэдафэ къраплъ, жыхуиlэщ.)●
●Цlыхуфl и тхьэкlумэ дэгущ.●
●Чэнджащэ щыуэркъым.●
●Шэрэ лъырэ зэхакlэркъым.●
●Шэхур хуабэу яхуз, фызыр щlалэу ягъасэ.●
●Шу хьэщlэр ягъэшэсыж, лъэс хьэщlэр пщlантlэм дашыж.●
●Шхын нэхърэ шхалъэ.●
●Шыгъупlастэм уемылъэпауэ.●
●Шыдыр удафэмэ, тало мэхъу.●
●Шым еуи дыхьэ, елъэдэкъауи къыдэкlыж.●
●Шыр птымэ, шхуэри дэщlыгъу.●
●Шыуаным илъыр зымышхыжынур гуэным илъым тогужьеикl.●
●Шыцуэс къесу узэрысым уимыкl.●
●Щакlуэ кlуэгъуэм хьэв япlыркъым, гузэвэгъуэм къан къахьыркъым.●
●Щауэр зыгъэщауэр гуащэщи, гуащэр зэрыгуащэр и щэнщ.●
●Щхьэкlуэ зышх щхьэшхыгъуэ йохуэ.●
●Щхьэр къэхь, жаlэмэ, пыlэр къахь.●
●Щхьэр псэумэ, пыlэ шыщlэркъым.●
●Щыгъынибгъу нэхърэ теубгъуэн. (Щыгъын куэд уиlэ нэхърэ тепlэнщlэлъын, жыхуиlэщ.)●
●Щыжаlэм щыпаупщlыркъым.●
●Щыкlыр икlэ мэхъу.●
●Щымыуэ и щыуагъэ яшхыркъым.●
●Щытхъукlей нэхърэ убыкlафlэ.●
●Щыщlэ нэхърэ мащlэшх.●
●Щlакlуэ нэхърэ уэшх нэхъ благъэщ.●
●Щlалlэгъуэр щхьэгъэрытщ. (Ущlалэху уlуэхутхьэбзащlэщ, жыхуиlэщ.)●
●Щlэ ягъэущ щхьэкlэ, жьы яущиижрэ?●
●Щlэм дежьи жьым дэшхэ.●
●Ямыгъэпсэлъэлl яукlыркъым.●
●Япэ джэлам ущlэмынакlэ.●
●Япэ лlар япэ ирах.●
●Япэ лlэм джэбыныр ейщ.●
●lэщми псэ lутщ. (Гущlэгъу хуэщl, жыхуиlэщ.)●
●lуэхухутэ ялlыркъым, лlыкlуэ яукlыркъым.●
●lуэхутхьэбзэри щlыхуэщ.●