6
 

Altıncı Bölüm / Еханэ Пычыгъуэ

ЦlЫХУМ И ХЬЭЛ-ЩЭНХЭР, ЦlЫХУХЭМ Я

ЗЭХУЩЫТЫКlЭХЭР КЪЭЗЫГЪЭЛЪАГЪУЭ

ПСАЛЪЭХЭР

 

***************************************************************

●Абы жиlам и дзэ удэмыплъэж. (Жиlар уи фlэщ пщlы хъунущ, жыхуиlэщ.)●

●Абы и гъащlэр lэхъуэхэмыхьэу ехь.●

●Абы и lуэхур щхьэкъутэщ.●

●Абы нэхърэ хьэм нэхъ укlытэ иlэщ.●

●Абы ущыгугъмэ, уи гурыгъыр ижынщ.●

●Адыгэр зэхъуэзэщэщ, нэгъуейр зэщэзэблэкlщ.●

●Адыгэр зэшмэ, мэупсэ, урысыр зэшмэ, матхэ.●

●Ажалыр зыщ, ар тlущ. (Жагъуэ дыдэу ялъагъум хужаlэ.)●

●Ажэ цlыкlу бжьакъуэшхуэ.●

●Ажэбжьэ зэрына зэригъэкlыфыркъым.●

●Акъылкъым, былымкъым.●

●Акъылыр щагуэшым шыпсыранэм хэсащ.●

●Алмэстым «сыцlыху и гугъэу хьэр къызобэн» жеlэри мэгуфlэ.●

●Анэдэлъху дзыр хъужыркъым.●

●Анэдэлъху узыр хъужыркъым.●

●Анэм лlыуэ къилъхуащ.●

●Андызыр къетlри шыгъу кlанэ ирегъэтlысхьэж. (Андыз-удзщ, тхьэрыкъуэфщ. И лъабжэр хущхъуэщ. Цlыху быдэм, нэпсейм хужаlэ.)●

●Ар зыхыхьа псы жэбзэнкъым.●

●Ар си набдзэкlитlщ, ар си нитlым язщ.●

●Арыкъ сабынкlэ тхьэщlи къабзэ пхуэщlыжынкъым. (Щlэпхъаджэ куэд зыщlа цlыхум хужаlэ.)●

●Ауан ящl ауаныщl кlуащ.●

●Бадзэ къытелъэмэ, и шхулъэ йопкl.●

●Бадзэ тlыса игъэтеджыркъым. (Цlыху lэсэм хужаlэ.)●

●Банэхэсрэ Ерусалимрэ зэхегъэгъуащэ. (Банэхэс-Краснодар и гъунэгъуу щыс адыгэ къуажэщ. Ерусалим- къалэцlэщ. Палестинэм щыlэщ.)●

●Бэджэндибгъу кlуэнщ. (Гуащlафlэщ, гугъуехь хуэшэчынущ, жыхуиlэщ.)●

●Бэрэжьей гущэ ирапlыкlа? (Цlыху lуэнтlам хужаlэ.)●

●Бгъур иукlыу епщlанэр кlэсу къихьа хуэдэщ. (Зыкъызыфlэщlыжым хужаlэ.)●

●Бдзантхьэ гъэва хэува хуэдэщ.●

●Бжьо хуэдэщ. (Кlуэкlэ дахэ зиlэ цlыхубз бжьыфlэм хужаlэ.)●

●Бжьын щlэгъуэм lэпэ шынщ, бжьын шхыгъуэм жумэранщ.●

●Бзаджэм и бзаджагъэр япэ кърегъэщ.●

●Бзаджэм ишх фlым хуеlуатэ.●

●Бзаджэм ищlэр фlым трелъхьэ.●

●Бзур lукlэ къеубыд. (Бзэlэфl зыlурылъым хужаlэ.)●

●Благъуэр гъуэ къыреху. (Бзаджэlейм хужаlэ.)●

●Блэ зэраукlа башщ.●

●Блэ япщэжа дыжьыныжьщ. (Фlым хужаlэ.)●

●Вэнэей уэшх хэшхащ. (Гугъуехь зыхуэмышэч хуэмыхур щыдзыхэкlэ хужаlэ.)●

●Вы мыхъунур жэмыбжьэщ, лlы мыхъунур жьэгъу жьакlэщ.●

●Вындыпэ иlыгъщ. (Зяужь ихьэр къохъулъэ, жыхуиlэщ.)●

●Гу зимыlэ лlибгъу я ней къысщыхуэ.●

●Гу кlуэм гудзэ къыхеуд.●

●Гу къабзэ щхьэ цlапlэ.●

●Гукъеуэншэ пшэрыгъуафlэщ.●

●Гупыр зыгъэгупыр гуп и уасэщ.●

●Гупыр зыгъэукхъуэр кхъуэм хуэдэщ.●

●Гурымыкъ гурымыкъ и щlасэщ.●

●Гушыlэкlэ зымыщlэр lэштlымкlэ мауэ.●

●Гъэми щlыми зи павэжь. (Зи ныбжьым емыкlуу щlалагъэ зыхэлъым хужаlэ.)●

●Гъэпсалъи епхыж.●

●Гъуапэкъым, пщампlэкъым.●

●Дахэжыlэ фlы мыщlэ.●

●Дахэр зыгъэдахэр и набдзитlщ.●

●Делэ гуэшэгъу нэхърэ губзыгъэ дауэгъу.●

●Делэ дыхьэшхырилэщ.●

●Делэ къуэлэн  и щlасэщ.●

●Делэ хьэлывэ щlэнэцlщ.●

●Ди гъунэгъум сыкъыщышхи ди унэ мышхэу сынэсыж.●

●Ди гъунэгъум я джэдыр къаз хуэдэщ. (Нэпсейм, фыгъуэнэдым ауаныщlу хужаlэ.)●

●Дунейгъэбжьыфlэщ.●

●Дунейгъэдахэщ.●

●Дунейкъым, ахърэткъым. (Зыми щыщкъым, зыкlи сэбэпкъым, жыхуиlэщ.)●

●Дунейр бжьакъуэпэкlэ зэредзэ. (Гурбияным хужаlэ.)●

●Дунейр нэкlэ игъэл фlощlыж. (Зыкъызыфlэщlыжам хужаlэ.)●

●Дыгъужьыгу кlуэцlылъщ.●

●Дыгъужьыдзэ lутщ, бажэкlэ пытщ.●

●Дыгъужьым мэл зыфlихьынур и пыlэ щыгукlэ къещlэ.●

●Дыжьыныжь пщэжам хуэдэщ.●

●Дыщэ лъэнкlэпс, уэсэпс хэмыхьэ.●

●Джатэ ихам хуэдэщ.●

●Джэгугъуэм лlыхъужьщ, зэуэгъуэм жьындущ.●

●Джэду хьэжы зыкъещl. (Цlыхуфlыфэ зытрегъауэ, жыхуиlэщ.)●

●Джэдыкlэм цы къыхех.●

●Дзыбэ дзыусщ.●

●Еджа щхьэкlэ, епщэжакъым. (Зи щlэныгъэр къэзымыгъэсэбэпыфым хужаlэ.)●

●Ежьэ мыхъу ежьэ хъуа упэмыплъэ.●

●Езым фlимыгъэжар хьэрэмщ.●

●Емынэр зигу, жьэгум дэмыкl.●

●Емыlусэ цыснэlу.●

●Еплъагъулlэр ебгъуэтылlэжыркъым. (Зи теплъэмрэ зи лlыгъэмрэ зэхуэмыдэм хужаlэ.)●

●Жэщ дэлlэ, махуэ дэхъуж.●

●Жылэм ямыщхьым шыдыщхьэ фlэтщ.●

●Жылэм ямыщхьым бабыщыщхьэ къыфlокlэ.●

●Жылэр егъасэ, бадзэр есэкl. (Щхьэзыфlэфl дзыусым хужаlэ.)●

●Жьэкlэ маисэщ, lэкlэ сэмэгущ.●

●Жьэмыгъэпсэху псэмыгъэтыншщ.●

●Жьэрыlэзэ lэпэзадэ.●

●Жьы хъуар шхыдэ бэlущ, уемыдэlумэ, зегъэгусэ.●

●Жьым тесу псым йопыдж.●

●Жьым щхьэ ядэшх, щlэм лъакъуэ ядэшх.●

●Зэрымылъагъумэ, зэщlолlэ, зэрылъагъумэ, йолlыкl.●

●Зэрымытым lэтищэ ирегъэувэ.●

●Зэрытым йоплъэ, зэрылъым йотэбэ.●

●Зэрыхъун хъури и нэр хъурей хъужащ.●

●Зи бзэ ныкъуэм гуныкъуэгъуэ ущигъащlэркъым.●

●Зи гупкlэ пысым и псысэ еlуатэ.●

●Зи мырамысэ зыхуэмыщlыжыр гъунэгъум жэмыкуащlэ макlуэ.●

●Зи нэгу къабзэм и гури къабзэщ.●

●Зи ныбэр зи lэфlылъэм и шур и лъэмыжщ.●

●Зи фlыщlэ зи мыгъуа, зи гъунэгъу зи бий.●

●Зи хущхьэ хъум и бзущ.●

●Зи шыкlэр къурыкъуу зи къэрар мащlэ. (Къэрар – быдагъэ, фlэщ хъуныгъэ. Зи къэрар мащlэ – зи псалъэ фlэщ хъугъуей, псалъэ быдэ зимыlэ.)●

●Зи щхьэ мыжьу зи жьэ джатэ.●

●Зи щхьэ lуэху зыхуэмыщlэжыр хамэ lуэхукlэ ерыщщ.●

●Зи щхьэр къабзэ, зи гур бзаджэ.●

●Зы щlыпlэ щокъакъэ, зы щlыпlэ щокlэцl.●

●Зыдигъазэр и къэблэщ. (Зэрегуакlуэу, щхьэзыфlэфlу мэпсэу, жыхуиlэщ.)●

●Зэрымылъ пэ лъагэ.●

●Зибг имылъ къудан.●

●Зым и lупщlэ зым и щlыбщ.●

●Зэхуэмыфl зэфlэlуа.●

●Зыухым и дей йокlри зыукlым и деж йохьэ.

(Зыукlымlэщ зыукlым.)●

●Зыхамыlуэ мэтэджри мэпсчэуlу.●

●И адэр къалъхури и къуэм зигъэпсэхужащ. (Къуэ щхьэхынэм ауаныщlу хужаlэ.)●

●И бэкъу гурыщхъуэ дещlыкlыж. (Гурыщхъуэщlым хужаlэ.)●

●И деж укlуэмэ, пащlэ лалэщ, уи деж къакlуэмэ, пащlэ задэщ.●

●И нэр ису и рсэр хэгъуащ.●

●И ныбэ и хьэщlэ, и щlалэ и къан.●

●И псалъэ фоупсщ, и фадэ псы защэщ.●

●И фэр бэгущ, и гур бзаджэщ.●

●И фэр фlыцlэ щхьэкlэ, и кlуэцlыр дагъэщ.●

●И хьэм ижынур ещlэж. (Хузэфlэкlынур ещlэж, жыхуиlэщ.)●

●И цищ мэрхъу.●

●И цlэ выщ, ив матэщ.●

●И шэ гъуанэ дадзыжынукъым. (И щlыхь къутэжынукъым, яхуэгъэпудыжынукъым, жыхуиlэщ.)●

●И гу дыжьынщ, и жьэгу хьэ гъыпlэщ.●

●И щхьэр матэщ, и жьэр джатэщ.●

●И щхьэр мыжьрэ и жьэр бзаджэу.●

●И щхьэр пкъуэлъу и лъэр пкъуокl.●

●И lуэху зыхэмылъым и бэлагъ хеlу.●

●Имылъу мэлъатэ.●

●Ерыщыр щыту малlэ.●

●Ириуэнуи ирищтэнуи гу кlуэцлъкъым.●

●Ишхыр кlуэцlокъупщхьэри и пхэ къупщхьэр къыхощ.●

●Ишхыр фlэмащlэщ, ищlэр фэкуэдщ.●

●Къэрабгъэр япэ мауэ.●

●Къэхь фэкl, мэхь ищlэркъым.●

●Напэ зимыlэм дзажэпкъ иlэщ.●

●Ныкъуэделэр ефэмэ, делэ дыдэ мэхъу.●

●Нысащlэ мышынэ-мыукlытэ мэлыщхьэ фlэбзам щошынэ.●

●Пашэ ящlри яхуэкlуэркъым, дакъэм дащlэри яхуекъуркъым.●

●Пащтыхьым и щхьэхынэщ. (Щхьэхынэ lейм хужаlэ.)●

●Плlэкlэ къихьар ныбэкlэ ихьыжащ. (Къихьар ишхыжри кlуэжащ жыхуиlэщ.)●

●Псэжьитlыр щызэфlым зэкъуалъхьар щызэбийм зэкъуахыж.●

●Пlастэгъэф уафэлъагъущ. (Цlыху сэбэпыншэм хужаlэ.)●

●Си тхъэгъуэм си гъуанэдэплъэ, си лъаджэгъуэм къыслъимыплъэж.●

●Удым и удыгъэр япэ ирегъэщ.●

●Уеплъмэ, дахэщ, зэгуэпхмэ, банэщ.●

●Укlытэр и нэгу щэлъщ, акъылыр и бзэгу телъщ.●

●Укlытэр щагуэшым дурэшым дэсащ.●

●Унэм я мыгъуэр я гъуоущ.●

●Фэ зытетым гу кlуэцlылъщ.●

●Фэкlэ щlалэрэ гукlэ лlыуэ.●

●Фыз бзаджэ нэпсрыгуащэщ.●

●Фыз фэрыщl лlыгъапцlэщ.●

●Фызгъэгъу лlы гъум.●

●Хабзэмыщlэ щытхъухьым хьэгулывэм фо хекlэ.●

●Хэмылъ хэлъхьэ кlуэри лъэпхъуамбыщlэ хилъхьащ. (И lыхьэ зыхэмылъым къыхихын и гугъэу кlуэри хилъхьэри къэкlуэжащ, жыхуиlэщ.)●

●Хуабэ хъумэ, мэдыд, щlыlэ хъумэ, мэдий.●

●Хьэ къарэ кlапэ жьэдэлъ хуэдэ. (Нэкlу фlыцlэ дзэ хужьым хужаlэ.)●

●Хьэжыщlри сату щlынри зэдегъакlуэ.●

●Хьэзыр lупэху, щlэращlэ.●

●Хьэкlэри кхъуэкlэри зэрепх. (lуэху куэд зэпызыщэм хужаlэ.)●

●Хьэлэболэ былым хуэщщ.●

●Хьэр и напэщ, кхъуэр и пащlэщ.●

●Хьыгъуэм гуащэщ, къэхьыжыгъуэм псэжьщ.●

●Шхэгъуэм дыгъужьщ, лэжьэгъуэм жындущ.●

●Шхырыджэгу ныбалъэ, гъаблэ хъумэ, щхьэпlыж.●

●Шыщlэ къамылъхуам уанэ хузэщlелъхьэ.●

●Щымысымаджэми бэджынэ и щlасэт. (Зызыгъафlэм хужаlэ.)●

●Щыуэгъум лъапцlэщ, щыпцlапцlэм вакъэщ.●

●Щlалэ фlыцlэ нэкlуфlэ, ахъшэ фlыцlэ гуфlакlэ.●

●Щlалэм къижыхьмэ, лlыжьым и лъэдий мэуз.●

●Щlыр бжьэкlэ епщри, къыпыщым тоувэ.●

●Щlыр къэмыщтэу къэщтэнукъым.●

●Яхуэукlыркъым, яхуигъэкlыжыркъым.●

●Яхутемыхьэ яхутекlыжыркъым.●

lэгу нэщl пащlэ пlий.●

lэмбатэ зэрымытым lэтэ ирегъэувэ.●

lэнэ щагъэувым щохуэх, фадэ щаlэтым щохутэ.●

lыхьсыхь lыхьэшх.●

lупэ зэв джей быхъу.●

 

***************************************************************

 

 
  24192 Besucher